Текст песни Думэн Кемал - Мысырокъуэм и уэрэд

  • Исполнитель: Думэн Кемал
  • Название песни: Мысырокъуэм и уэрэд
  • Дата добавления: 23.02.2018 | 19:15:13
  • Просмотров: 340
  • 0 чел. считают текст песни верным
  • 0 чел. считают текст песни неверным

Текст песни

1. Мысырокъуэр щӀалащэщи (рэ-ией, айрэ, рэией),
Ӏэщэ зыщтэм ядожьэ (ерией, Мысырокъуэ).
2. Ӏэщэ зыщтэм ядожьэри,
Хуэмыфащэм шыху макӀуэ.
3. Хуэмыфащэу шыху макӀуэр,
Нэгъуей шыбзыри къыпехур.
4. Нэгъуей шыбзыри къыпехури,
Къырехужьэри къожьэжыр.
5. Нэгъуеижьыр къыдопхъэрри,
Нэгъуей пхъэрари къэсащи.
6. Шагъындакъышэр ныредзэри,
ШытӀахъ редзэри еутӀыпщыр.
7. Япэ итыр щӀалащэти,
Яужь итри лӀыжьыщэщ.
8. Сэмэгурабгъушэр къытохуэри,
Ижьырабгъу хьэдэуэ йохуэхыр.
9. Щхьэщыхьэрэ еупщӀымэ,
- Узыщыщыр къызжеӀэ.
10. - Сызыщыщым сыт хуэпщӀэрэ?
Узыхуейр пщӀамэ ӀукӀыжӀэ.
11. Къигъазэрэ еупщӀымэ:
- КъызжомыӀэуэ мыхъуну.
12. - Сызыщыщыр ныбжесӀэмэ,
Мысырокъуэм сащыщти.
13. - А зы Алэхьым сигъэунэхъури,
Шэмрэ лъымрэ зэхэскӀай.
14. КуэпкъыжьитӀым дыздытесу
БыдзыжьитӀым дыздефай.
15. Мысырокъуэу укъыщӀэмыкӀтэм,
Шы хакӀуэпщӀэм сыпыкӀынт.
16. Шы хакӀуэпщӀэр уфӀэмащӀэм,
Зы гъэ шыщӀэр теслъхьэнти.
17. Зы гъэ шыщӀэр уфӀэмащӀэм,
Къауц уанэри естынти.
18. Къауц уанэр уфӀэмащӀэм,
Тен джэдыгури теслъхьэнт.
19. Дианэр-диадэр къызэупщӀым,
Даурэ-даурэ жысӀыну?
20. - Дианэ-диадэр къывэупщӀым,
СыуӀэгъэфӀу сажеӀэ.
21. - Ди шыпхъу цӀыкӀухэр къызэупщӀым,
Даурэ-даурэ жысӀыну?
22. Ди шыпхъу цӀыкӀухэр къывэупщӀым,
СыуӀэгъейуэ сажеӀэ.
23. - ЩуӀэгъэфӀыр къыдэупщӀым,
Даурэ-даурэ жысӀэну?
24. - ЩуӀэгъэфӀыр къывэупщӀым,
СыщымыӀыжуэ сыжефӀэ.
25. Дианэ-диадэм щыжетӀэкӀэ,
ЗафыщӀыжу къожажьэ.
26. Ди шыпхъу цӀыкӀухэм щыжесӀэми,
Зачэтхъэжхэу къыщӀожхэр.
27. ЩуӀэгъэфӀым щыжетӀэми,
ПхъэвакъитӀыр зылъедзыр,
Дыщэ пыӀэр бгым дедзэж,
Дыжьын щӀыӀухэр къыречыр,
Зичэтхъэжу къожажьэ.

Перевод песни

1. Мысырокъуэр щӀалащэщи (рэ-ией, айрэ, рэией),
Ӏэщэ зыщтэм ядожьэ (ерией, Мысырокъуэ).
2. Ӏэщэ зыщтэм ядожьэри,
Хуэмыфащэм шыху макӀуэ.
3. Хуэмыфащэу шыху макӀуэр,
Нэгъуей шыбзыри къыпехур.
4. Нэгъуей шыбзыри къыпехури,
Къырехужьэри къожьэжыр.
5. Нэгъуеижьыр къыдопхъэрри,
Нэгъуей пхъэрари къэсащи.
6. Шагъындакъышэр ныредзэри,
ШытӀахъ редзэри еутӀыпщыр.
7. Япэ итыр щӀалащэти,
Яужь итри лӀыжьыщэщ.
8. Сэмэгурабгъушэр къытохуэри,
Ижьырабгъу хьэдэуэ йохуэхыр.
9. Щхьэщыхьэрэ еупщӀымэ,
- Узыщыщыр къызжеӀэ.
10. - Сызыщыщым сыт хуэпщӀэрэ?
Узыхуейр пщӀамэ ӀукӀыжӀэ.
11. Къигъазэрэ еупщӀымэ:
- КъызжомыӀэуэ мыхъуну.
12. - Сызыщыщыр ныбжесӀэмэ,
Мысырокъуэм сащыщти.
13. - А зы Алэхьым сигъэунэхъури,
Шэмрэ лъымрэ зэхэскӀай.
14. КуэпкъыжьитӀым дыздытесу
БыдзыжьитӀым дыздефай.
15. Мысырокъуэу укъыщӀэмыкӀтэм,
Шы хакӀуэпщӀэм сыпыкӀынт.
16. Шы хакӀуэпщӀэр уфӀэмащӀэм,
Зы гъэ шыщӀэр теслъхьэнти.
17. Зы гъэ шыщӀэр уфӀэмащӀэм,
Къауц уанэри естынти.
18. Къауц уанэр уфӀэмащӀэм,
Тен джэдыгури теслъхьэнт.
19. Дианэр-диадэр къызэупщӀым,
Даурэ-даурэ жысӀыну?
20. - Дианэ-диадэр къывэупщӀым,
СыуӀэгъэфӀу сажеӀэ.
21. - Ди шыпхъу цӀыкӀухэр къызэупщӀым,
Даурэ-даурэ жысӀыну?
22. Ди шыпхъу цӀыкӀухэр къывэупщӀым,
СыуӀэгъейуэ сажеӀэ.
23. - ЩуӀэгъэфӀыр къыдэупщӀым,
Даурэ-даурэ жысӀэну?
24. - ЩуӀэгъэфӀыр къывэупщӀым,
СыщымыӀыжуэ сыжефӀэ.
25. Дианэ-диадэм щыжетӀэкӀэ,
ЗафыщӀыжу къожажьэ.
26. Ди шыпхъу цӀыкӀухэм щыжесӀэми,
Зачэтхъэжхэу къыщӀожхэр.
27. ЩуӀэгъэфӀым щыжетӀэми,
ПхъэвакъитӀыр зылъедзыр,
Дыщэ пыӀэр бгым дедзэж,
Дыжьын щӀыӀухэр къыречыр,
Зичэтхъэжу къожажьэ.

Все тексты Думэн Кемал >>>